Исраил



Исраил, Йзраел (еврей бзэкIэ: ישראל) — Азием и ипшъэ-къуэхьапӀэм хэт къэралыгъу, джурд хэгъэгу Азиярэ Африкарэ игузэгу дэт. Еврей лъэпкъым и хэкуж фэду еплъых. Хэгэгум чIырэу иIэр 22,072 км². Нэхьбэ цIыфу шыпсэурэ Джурд ары, ау пэмыкIы лъэпкъыхэ макIу шэпсэуых. Арапхэр 20.9% фэдизых, къэнагъэ лъэпкъыхэр 4.8%, ахэм 4,500 фэдиз Адыгэ яхэт. Хэгъэгу лIышъхьэр — Биньямин Нетаньяху. Къэлэ шъхьаIэр – Ерусэлэм.
Хэкумэтхыр
[хэӀэзыхь | вики-текстым еӀаз]Хы фыжым игупэ шыт. Игъунэгъухэр: Ливан, Сирия, Иордания, Египет ( Мисры ). ИшхьэмкIэ Хермон ошхьэ теты, 2000м тэкIу блэкIу хым инапэм тэIэтыкIэгъ. ИкIэ хы плыжэ кIэт. Иордания гъунэпкъым Иордан псухъэ блэккIы. А псыхъор Ливан къекIи Галилей Хым хахьэ. Аш къыхэкIыжи Хы лIагъэм хэхьэжы.
Исраелыр Азием и ипшъэ-къуэхьэпӀэ лъэныкъуэм хэт, Хыгурытым и къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэ Ӏуфэм, ипшъэмкӀэ Хыплъыжьым. Къэралым и гъунапкъэхэр здырикӀуэмрэ здыӀухьэхэмрэ: ишъхъэрэмкӀэ – Ливаным, ишъхъэрэ-къуэкӀыпӀэмкӀэ – Сирием, къуэкӀыпӀэмкӀэ – Иорданиемрэ, КъуэхьэпӀэ Иорданым, ипшъэ-къуэхьэпӀэм – Мысырымрэ Газэм и лъэныкъом.
Къэралыр мы ин шъхьэкӀэ и шӀыпӀэхэр куэду зэшъхьэщокӀхэ.
Нэхъыбэр къушъхьэхэм яубыд: Галилеэм и бгыхэр, Кармэл бгым, Голан Ӏуашъхьэхэм джоуэ. КъуэкӀыпӀэ лъэныкъуэм Йордан къуэладжэр хэт. Абыхэм пэмыкӀыу къэралым хэтхэр (псоуэ иэ лъэныкъуэкӀэ): Арава пшахъуалъэ, Хы ЛӀа, Мехтеш Рамон, Негев бгыхэр, Йудей пшахъуалъэ.
Къэралым и псы нэхъ иныр Йордан, Кишон, Эскиндар, Ярконом – мы псыплӀыра къэралым иӀэр гъэмахуэм имыгъушъыкӀху. Псыхъурей Кинеретыр къэралым и нэхъ ин, псынэпс иту, и инагъыр 166 км².
Къэралым и хьэйуар субтропик хы курытым щыщу щыт. Мэкъуэуэгъуэм и температурэ курытыр — +24 °C щыкӀэдзауэ +32 °C носыр, шӀычылэм +6 °C щыкӀэдзауэ +20 °C нэс.
Тхыдэр
[хэӀэзыхь | вики-текстым еӀаз]Япэрей джурт лъэпкъ пэсырейхэр Исраэлым щихьахэр 1200 гъэм ди лъэхъэнэхэм и пэм, а зэманыгъуэм щыщ Исраел шӀыпӀэм хэту къагъуэта 250 джурт хьэблэжъхэр[1]. А зэманыгъуэм яужкӀэ хэкум филистейхэр йохьэ. Пэштыхьей ӀэнатӀэ зэфӀоувэр япэреуэ Исраил Пачъыхьыгъо, яужымкӀэ Яуда пэштыхьей абыхэм я зэмэныгъуэр щытехуэр XI-X ди лъэхъэгэхэм я пэм.
VIII ди лъэхъэнэхэм япэм щыкӀэдзауэ ди лъэхъэнэм нэс шӀыпӀэр къэрал зэщымыщхэм я ӀэнатӀэм кӀэхьурэ хъур Ӏэшурейм, Бабилонейм, Ахеменидхэм, Македониэм.
152 гъэм ди лъэхъэнэм ипэм щыкӀэдзауэ 37 гъэм нэс ди лъэхъэнэм ипэм Яудейм джурт лъэпкъ Хасмонехэр ӀэнатӀэм тохьэхэ.
63 гъэм ди лъэхъэнэм ипэм щыкӀэдзауэ Яудейм и шӀыпӀэм Урымым и ӀэнатӀэр лъэш мэхъур хом-хомурэ къэралыр иубыду. Бар Кохба джылэ зыкъэӀэтыгъуэ иригъэкӀуэкӀын игугъа яуж 135 гъэм, урым ӀэнатӀэр къэралым ирагъэкӀыным шъхьэкӀэ джурт лъэпкъым я Ӏохур хэкум зэӀыхьа, Урымхэм цӀыху бгъыгъэ хэкум ирахуахэ, тхыдэм къыхэмнэным шъхьэкӀэ а хэкум джуртхэр исауэ. Лъэпкъым я нэхъыбэр Галилейм икӀахэ.
614 гъэм Палестинэр Къажэрым щыщ Сасанидхэм яубыд, джуртхэм я дэӀэпыкъуэгъукӀэ Ерусэлэмыр яубыдыр. Къажэрхэм къалэр джуртхэм иратыр. Ауэ, Ерусэлэмым джуртхэм я ӀэнатӀэр куэдрэ шъхьэщытакъым, илъэсищ къуэдей.
Византиэр Къажэрым текӀуа яуж Палестинэр аргуэру урымхэм яхокӀуэ 629 гъэм, илъэскӀэ джурт лъэпкъыр яукӀыурэ хэкум ирахухэр.
636 гъэм хьэрып лъэпкъэм я лъэшыгъуэ кӀэдзэгъуэм Палестинэр мыслымэнхэм трахыр урым Византиэм.
Лъэхъэних яужкӀэ къакӀуэхэм хэкур хьэрып лъэпкъхэмрэ джорызэмрэ я зэпэубыдыгъуэхэм хэт.
1099 гъэм джорызэм Ерусэлэм пэштыхьей ешъыр, ауэ, 1187 гъэм Сэладиным Ерусэлэмыр еубыдыр, 1291 гъэм джорыдзэм я яужырей быдапӀэ Акрари хьэрыпхэм яхокӀуэ.
1260–1516 гъэм Палестинэр мамлыкӀухэм я ӀэнатӀэм кӀэт.
1517 гъэм Исраэлым и шӀыпӀэр Уэсмэнейм хокӀуэ, сулътӀан Селим I-м еубыд. Илъэс 400-кӀэ хэкур Уэсмэнейм и ӀэнатӀэм кӀэта.
1920 гъэм Лъэпкъхэм я лигэ мандатымкӀэ КъуэкӀыпӀэ Гъунэгъум и лъэныкъуэ Уэсмен империэм хэтар Британиэшхуэм и ӀэнатӀэм кӀохьэ, зэманыгъу зэрекӀуэкӀар 1948 накъыгъэм и 15-м нэс. Мандатым мыхьэну зэрихьатэр а шӀыпӀэм джурт лъэпкъым шъхьэкӀэ къэрал къыхагъэкӀыну
Зэманым Йзраел лъэпкъы хэку иIагъ. а чIыгум шыпсэугъэхэм яцIэгэ хэгъэгу къагъэнэфагъ. Джурд дйным и тхылъым тетхагъ тхьэм Йзраел чIыгор къаритгъу. Зэкъот хэкухэм ( Организация Объединенных Наций ) Йзраел чIыгор яугошну хэкуитIу зры Арапхэм пае адры Джурдхэм пае зрахъохьэм зау къыIукIэгъ. А зауым Джурдхэ текIуагъти Йзраел хэку къагъэтэджыгъ. Мы заум Шхьэфытынгъэ Зауджэ Джурдхэр еджагъэх .
Джылэр
[хэӀэзыхь | вики-текстым еӀаз]Исраилым и Нэхъышъхьэ лэжьыгъэм статистикэм теухуауэ къызэриӀохумкӀэ, 2010 гъэм дыгъэгъазэм и 29-м къэралым джылу дэсар (хэкухэс лэжьэну къэкӀуахэр хэмыту) зэрыхъур 7, 695 млн цӀыху. Абыхэм: джуртхэр – 5,802 млн (75,4%), арапхэр – 1,573 млн (20,5 % (ахэм хиубыдэр арап быслъымэнхэр – палестинхэр, бедуинхэр, арап чыристэнхэр), лъэпкъ мы ину я бжыгъэр хъууэ дэсхэр – 320 мин цӀыху (4,2% (адыгэхэр, друзхэр, ермэлхэр)[2].
Бзэхэр
[хэӀэзыхь | вики-текстым еӀаз]
КаIлэ егъэджапIхэм ивритбзэрэ Арапбзэрэ зэрагъаджэхэрэ. Къарал бзэр иврит бзэ ары, ау Арапбзэр официальный бзэ.
Диехэр
[хэӀэзыхь | вики-текстым еӀаз]Йзраел анэхь лIапIэ чIыгу кIым тетым фэду aIо. Тхьэ зызгъэзакъорэ ЗэмлIэгъужгъэ динхэр Йзраелым илъэых. Анэхь ины динэр Джурд дин ары. Ашы къынэужы Бысмэн динэр ары. Я 3-рэ Урысы дин ары.
Экономикэр
[хэӀэзыхь | вики-текстым еӀаз]Исраэлым и экономикэм дунем ВКӀуП-ымкӀэ 52-нэрей пӀэр еӀыгъ. Ипшъэ-КъуэхьэпӀэ Азиэм хэт къэралхэм япэрейхэм ящыщ экономикэмрэ индустриэмрэкӀэ и зэфӀэтыкӀэр. Къэралым щэхуэгъуэкӀэ экономикэр лъэшу зэфӀэт, кэралыгъуэ ӀэнатӀэри абым хэту.
Къэралым импорт куэд йохьэ: фатэгын, хьэцэпэцэхэр, дзэм шъхьэкӀэ Ӏэшэхэр. Исраэлым и шӀыпӀэр бэуэ щымыт шъхьэкӀэ къэралым фӀыуэ зыкъиӀэта къыдэгъэкӀыгъуэ лэжьыгъэхэмрэ аграриэмкӀэ, хьэцэпэцэхэр къэралым ирачэ шъхьэкӀэ пэмыкӀ аграрий лэжьыгъу езы къэралым и шӀыпӀэм къыхахыр.
Налмэс гъэлыдахэр, текнологиэшхуэ Ӏэмэпсымэхэр, аграрий лэжьыгъэхэр къэрал дэгъэкӀ щэныгъэм и нэхъыбу хъура.
Къэрал буджетым дефицитышхуэ иӀэ нэхъыбэм, ар трансфер инхэмкӀэ зэхуашъыр пэмыкӀ къэралхэм къахэкӀхэм. Исраэлым къэрал хамэхэм шӀыхуэ телъхэм я ныкъуэ хуэдизыр АШЗ-м ей. Абым пэмыкӀыу Штат Зэгуэтхэр япэреуэ щытхэ экономикэмрэ дзэмрэ Исраэлым дэӀэпыкъур.
Администрацие гощыгъор
[хэӀэзыхь | вики-текстым еӀаз]Исраэл къэралыр администрациэ куей хыкӀэ мэгуэчыр, зэреджэхэр «мехозот» (джуртыбзэгьэ: מחוזות).
Езы куейхэр куейкуэрыт 50-кӀэ мэгуэчыжьхэ, я цӀэр «нафот» (джуртыбзэгьэ: נפות), езыхэри яужкӀэ 15-нэ куейкӀэ мэгуэчыжьхэ.
| № | Куей | Къалэ нэхъышъхьэр | |
|---|---|---|---|
| 1 | Ишъхъэрей | Нацерэт | |
| 2 | Хьайфэ куей | Хьайфэ | |
| 3 | Курыт | Рамле | |
| 4 | Тел Авив куей | Тел Авив | |
| 5 | Ерусэлэм куей | Ерусэлэм | |
| 6 | Ипшъэрей | БеӀэр Шева | |
| № | Убыда шӀыпӀэхэр | ||
| А | |||
| В | |||
| С | |||
Къэрал зэхэтыкӀэр
[хэӀэзыхь | вики-текстым еӀаз]Исраэлыр парламент республику щыт.
Къэралым и тхьэмадэр президент, хэзыхыр Кнессэт, хэхыгъуэр шъэху йокӀуэкӀ, зэрхахыр илъэсибл. Иджырей къэралым и хабзэмкӀэ президентым ӀэнатӀэ иӀэкъым, къэралым и напашъхьу щыт къуэдей, дунем и цӀэкӀэ къэпсалъу. Президентым и ӀэнатӀэкӀэ ишъэ къуэдер ӀэнатӀэгъу зэхуэсым хэтхэр къилъытэнымрэ (ахэр къимылъытауэ щытмэ ӀэнатӀэгъу зэхуэсым хэтхэм я ӀэнатӀэпӀашъхьэхэр яхъуэжь) хьэпсэрысхэр хуит ишъынымрэ (Исраэлым и цӀыху хъуар, зэгуэрэм хьэпсэм ихуар, президентым хуит ишъыным елъэӀун пӀалъэ иӀэ).
ХабзэдэгъэкӀыу ӀэнатӀэ нэхъышъхьэр къэралым Кнессэт – зылъэныкъуэ парламент, тхьэмадэ 120 хэту. Тхьэмадэхэр партиэ тхылъхэмкӀэ хахыр.
Хабзэ гъэзанкӀэ ӀэнатӀэпашъхьэр – ӀэнатӀэгъу зэхуэс, шъхьэщытыр абым и тхьэмадэр.
Исраэл къэралым Конституциэ иӀэкъым. Абым ипӀэкӀэ щыӀэр «япэрей хабзэхэр», зыпылъыр къэрал зэхэтыкӀэмрэ, джылэм я пӀалъэмрэ хуитыныгъэмрэ.
Исраэлым адыгэу исхэр
[хэӀэзыхь | вики-текстым еӀаз]Исраэлым 4,000 адыгэу ис. КуэйитӀу дэт: Кфар Камэрэ Рихьаныерэ. Кфар Камэр шапсыгъэ чыл, Рихьаныер абдзахэ чыл.
Гулъытыгъуэ
[хэӀэзыхь | вики-текстым еӀаз]ТехьэпӀэхэр
[хэӀэзыхь | вики-текстым еӀаз]- Йзраел и интернет нэкIубгъ
- Исраелым Статистикэкэ и нэхъышъхьэ буром и официал сайт (English)
- Israel Британникэ Энциклопедиэм
- The World Factbook: Israel
- Кнессэтым и официал сайтыр
Зэпыщэхэр
[хэӀэзыхь | вики-текстым еӀаз]- ↑ Энциклопедиэ "Кругосвет" – Пэсырей Палестинэ. 2008
- ↑ title The population, by religion and population group Israel Central Bureau of Statistics(English)
Азием хэгъэгухэр | |
|---|---|
| Адзыгъэй • Азэрбийджан • Араб Эмират Зэхэтхэр • Афгъанистан • Бангладеш • Бахрейн • Бруней • Бирмэ • Бутан • Вьетнам • Ермэлые • Индие • Индонезие • Иордание • Ипшъэ Осетие • Ирак • Иран • Исраил • Ишъхъэрэ Корейе • Ишъхъэрэ Кипр • Йемен • Казахстан • Камбоджэ • Камерун • Катар • Кипр • Китай • Кувейт • Къыблэ Корея • Кыргызстан • Лаос • Ливан • Малайзие • Малдивхэр • Монголие • Мысыр • Непал • Оман • Пакистан • Палестинэ • Сауд Арабие • Сингапур • Таджикистан • Тайван • Тайланд • ТыгъэкъокIыпIэ Тимор • Тыркуе • Тыркуменыстан • Урысые • Филипинхэр • Хъырцые • Шам • Шри-Ланка • Японие | |