Jump to content

Адыгэ джэгу

Википедие-м щыщ

Адыгэ джэгу - нахь мэхьэнэ ин зи1эмэ ащыщэу адыгэ хабз.

Ди хабзэм и Iыхьэ нэхъ дахэхэм ящыщщ Адыгэ Джэгур. Пасэ зэманым ар ди адэжьхэм къадекIуэкIа, ди хабзэ екIухэр къэзытIэщIу щыта хъугъуэфIыгъуэщ. ИджыпстукIэ, Адыгэ Джэгур къыдэтхыжыныр, япэм хуэдэу ар ди гъащIэм хэтпщэжыныр къыдэхъулIэну пIэрэ жыпIэу ущIэупщIэмэ, шэч къозымыгъэхьын жэуап ептыжыфынущ. Къыдэтхыжыфын къудейкъым, атIэ щIэблэм и гъуазэу, и гъэсапIэу дгъэпсыфынущ. Адыгэ лъэпкъым ди гукъеуэ нэхъыщхьэщ ди Хабзэ уардэхэр тпэIэщIэ зэрыхъур. Хэкужьым щыIэхэм я Iуэхум нэхъ сыщыгъуазэщи, илъэс зыбжанэ дэхуащ а псоми гулъытэ мыбдеж щимыгъуэту. Иджы, узыгъэгуфIэнщи Iуэхур нэгъуэщIу къыщIедз. Ар дыгушхуэу жыдэзыгъэIэ Iуэхугъуэ зыбжанэ щапхъэу къэпхьыфынущ. Псалъэм папщIэ, и гугъу пщIы хъунущ Адыгэ Джэгур ди щIэблэм къызэрищтэжым, абы кIуэ пэтми ди щIыналъэм зэрызыщиубгъум.

Адыгейми, Къэбэрдейми, ди къуэшхэр зыщыпсэу нэгъуэщI къэралхэми илъэс зыбжанэ хъуауэ адыгэ къафэр зи купщIэ Джэгур кърагъэжьэжауэ щрагъэкIуэкI. Иджы ар хабзэ дахэу къащтэж Шэрджэсым щыIэ адыгэ щIалэгъуалэми.

Адыгэ-Хьэблэ районым и Адыгэ Хасэм и жардэмкIэ мы иужьрей зэманым зэкIэлъыкIуэу зэхашэ лъэпкъ щэнхабзэр къэзыIэтыж Джэгур. Иджыблагъэ район Хасэм и унафэщI Аслъэн Алий и къыхэлъхьэныгъэкIэ аргуэру адыгэ джэгум и утыкур зэIуахащ. Абы хуабжьу щыгуфIыкIащ, псом хуэмыдэу къуажэ щIалэгъуалэр. Щхьэж къызэрыфэр, лъэпкъ мэкъамэм зэрыдэхъур къигъэлъагъуэну Iэмал яIэт. КъинэмыщIауэ, а псори гулъытэншэу къэнэнутэкъым. Утыкум къыщыфэхэм якIэлъыплъыну, нэхъыфIу зыкъэзэгъэлъагъуэр къыхагъэщыну пщэрылъ хуащIащ Мэзыкъуэбз Юрэ, Гъуэзджэш Хъызыр, Гъуэщокъуэ Фаризэт сымэ. Ахэр я къалэным пэрымыхьэ щIыкIэ джэгур фIохъус псалъэкIэ къызэIуихащ Гъуэщокъуэ Дянэ. Пщащэм гуапэу утыкум къригъэблэгъащ къафэкIэ зыщIэу, къимыкIуэтыну хьэзыр дэтхэнэри. ... See More

ГуфIэгъуэ зэхыхьэр нэхъри игъэбжьыфIэт, и щхьэр Iэтауэ, дэ башыр игъэджэгуу къахэлъэда джэгуакIуэм. Пасэм щыгъуэ хьэгъуэлIыгъуэхэр зыIэту яIа а лъыхъужь гушыIэрейм и пщэрылъхэр хьэлэмэту игъэзащIэт Акъ Мухьэрбэч и цIэр зезыхьэ адыгэ театрым и актер Къардэн Заур. АдэкIэ щIадзащ къафэхэм. Пшынэр зыгъэбзэрабзэхэу Хьэту Фатимэ, ПэтI Фатимэ, Апсэ Дянэ сымэ мэкъамэхэр хэти зэрызыдищIыфынум хуэдэу кърагъэкIт.

КIуэ пэтми «ислъэмей», «зэхуэкIуэ», нэгъуэщI къафэхэри къэзыщIыну къытехьэхэр нэхъыбэ хъут. УзыгъэгуфIэт ныбжьыщIэхэр къуагъэнапIэм щымыту, утыкум хуиту къызэрихьэр, пшыналъэм дэхъуу зыкъызэрызэкъуахыр.

Абдеж щыIуар къафэ пшыналъэ къудейкъым, къызэхуэсахэм яфIэфIу щIэдэIуащ Куэбл Мухьэмэд, Хьэщкъуей Азэ сымэ ягъэзэщIа уэрэдхэм, кIэлъыплъахэщ «Черкесия (Шэрджэс)» гупым я къафэкIэ екIуми.

Джэгур и кIэм щынэблэгъам щIалэгъуалэр «зэщIэплъа» къудейт, жэщ ныкъуэм нэс екIуэкIами емызэшу къэфэнур мащIэтэкъым. Ауэ пэ зиIэм, кIэух хуэщIыпхъэти нэхъыфIу зыкъэзыгъэлъэгъуахэм я цIэр кърамыIуэ щIыкIэ къызэхуэсахэм фIыщIэ хуащIу къэпсэлъащ нэхъыжьхэр. Адыгэ-Хьэблэ Хасэм и Тхьэмадэ Алий Аслъэн жиIащ, ди лъэпкъ хабзэхэм пщIэ хуэщIыныр, ахэр къэIэтыжыныр ди зыужьыжыныгъэм и къежьапIэу зэрыщытыр.

—Адыгэ джэгур дызэрыгушхуэхэм ящыщ хабзэфIхэм ящыщщ, абы къафэкIэм ухуигъасэ къудейъкым, атIэ Iэдэб, щэн дахэ къыпхелъхьэ,—жиIащ Хасэ тхьэмадэм.

АдэкIэ, нэхъ къафэкIэ дахэ къэзыгъэлъэгъуа нэрыбгэ 11-м я цIэ фIыкIэ къраIуащ икIи Аслъэн Алий фэеплъ саугъэтхэр яхуигъфэщащ. Адыгэ-Хьэблэ районым щапхъэ трахыу Адыгэ Джэгур къыкIэлъыкIуэу щызэхашащ Къэрэшей-Черкес Республикэм и къалащхьэм дежи. Черкесск къалэм и нэхъ утыку иным зыщаубгъуащ къэфэну хьэзыр пщащэхэмрэ щIалэхэмрэ. Абазэ, адыгэ лъэпкъым я щIалэгъуалэм абдежым къыщагъэлэнлакъым, Джэгур яIэту къыщыфахэщ.

Гъэмахуэр екIуэкIыхункIэ мазэм тIо-щэ Адыгэ Джэгур зэхашэмэ и фIагъэ къикIыну къалъытэ Адыгэ Хасэми щIэблэми. Аращи, къыкIэлъыкIуэу Адыгэ Джэгум и утыкур щызэIуихыным дыпоплъэ!

ДжэгуакIо

ХьатыякIо