Jump to content

Адыгэ ӀорыӀуатэхэр

Википедие-м щыщ

Адыгэ ӀуэрыӀуатэм щыгъунэжщ Къэзэнокъуэ Жэбагъы и хъыбархэр. Илъэс щищым нэблэгъауэ, адыгэхэм къадогъуэгурыкӀуэ а хъыбархэр, нобэр къыздэсми яӀуатэ. Къэбэрдейм и тхыдэм лъэужьышхуэ къыхимынатэмэ, Къэзэнокъуэ Жэбагъы и хъыбархэр гъащӀэ кӀыхь хъунтэкъым. И цӀэр щӀэблэм щӀащымыгъупщэн фӀыщӀэ щиӀэщ Къэзэнокъуэ Жэбагъы и тхыдэм, аращ и цӀэри и хъыбархэри уахътыншэ щӀэхъуар.

Къэзэнокъуэ Жэбагъы 1684 гъэм Бахъсэн Ӏуфэ къыщалъхуащ (Бахъсэн псым и сэмэгурабгъум, Зеикъуэ ипщэӀуэкӀэ, иджыри ущрохьэлӀэ КъэзэныкъуейкӀэ зэджэ щӀыпӀэцӀэ). Жэбагъы зэрыӀущыр, зэрыцӀыху губзыгъэр щӀэх дыдэ наӀуэ хъуауэ щытащ, хъыбархэм зэрыжаӀэмкӀэ. Хъыбархэм ящыщ зы щыхьэт тохъуэ УэрарэкӀэ зэджэ хеящӀэ* цӀэрыӀуэм акъылрэ ӀущыгъэкӀэ Жэбагъы текӀуауэ зэрыщытам.

Абы щыгъуэ щӀалэ дыдэт Жэбагъы. И ныбжь нэсри, Къэзэнокъуэ Жэбагъы, дунейм ехыжыху, къэбэрдей пщышхуэхэм, пщы уэлийхэм я чэнджэщэгъуу щытащ. Лъэпкъ Ӏуэху и пщэ далъхьэурэ, Къэзэнокъуэ Жэбагъы зыбжанэрэ ягъэкӀуащ Къэбэрдейр а зэманым зыпыщӀауэ щыта къэралхэм, пщыгъуэхэм. Тхыдэр щыхьэт тохъуэ, псалъэм папщӀэ, Кърымымрэ Мэзкуурэ кӀуа къэбэрдей лӀыкӀуэхэм Къэзэнокъуэ Жэбагъы зэрахэтам.