Бланэ

Википедие-м щыщ
Бланэхэр

Бланэ — къэкӀыгъэшх псэушъхьа, шэрыпӀ, шъыхь лъэпкъым ящыщ.

Бланэхъум икӀыхьагъыр м. 3 носыр, илъэгагъыр м. 2, 3, икӀапэр см. 12 – 13, ихьалъагъыр кг. 360 – 600; Урысейм идей КъуэкӀыпӀэ Джыжьэмрэ, Канадáмрэ кг. 900 носхэр. Бланэбзхэр нэхъ цӀыкӀу щытхэ. ИзэфӀэтыкӀэмкӀэ бланэхэр яшъхьащокӀыр пэмыкӀ шъыхьхэм куэдкӀэ. Ипкъымрэ ипшъэмрэ кӀэкӀыу щыт, икӀыбым джабэ тет, лъакъуэхэр кӀыхь Ӏэуэ щыт, абы шъхьакӀэ псы щефэнум идежь псым кууэ хэхьан хуэй иэ лъэгуанджэмышъхьакӀэ увын. Ишъхьар ину щыт, пэшхуэ пыту, Ӏупашъхьар ину, къыпылэлу щыту. Ифэр гъуабджэ-фӀыцӀу щыт, лъакъуэхэр псыфэнэхуэ щыт, хужьым нэхъ хуэкӀу.

Бланэхъухэм ин Ӏэуэ (иджырей шэрыпӀпсэушъхьахэм я нэхъ ин) бжъакъуэ ятет, я кӀапэ зэхуакухэм см. 180 дэлъу носыр, я хьалъагъыр кг. 20 – 30. Илъэс къэс бжъакъуэхэр похур шъакӀуэгъуэ - дыгъэгъазэхэм, гъатхэпэ – мэлыжьыхьам бжъакъуэкӀэ къытекӀэн кӀадзэ. Бланэбзхэр бжъакъуэншэ.