Мыдхьэт Ахьмэд

Википедие-м щыщ

Мыдхьэт Ахьмэд (1844 гъ. — 1913)

Тырку литературэм реализмэр щызэфIэзыгъэувахэм щыщщ Мыдхьэт Ахьмэд (1844–1913). Абы и унэцIэр тырку тхьэкIумэм нэхъ къызэрезэгъынкIэ ятхыу аращ, армыхъумэ лъэпкъкIэ Хьэгъурхэ ящыщщ. Ар къалъытэ тырку тхакIуэ нэхъ ин дыдэхэм щыщу, тырку рассказхэмрэ романхэмрэ я лъабжьэр зыгъэтIылъауэ.

ЦIыхум и гупсысэр, и зэхэщIыкIыр зы къупхъэм ижыхьауэ зэпыткъым – абыхэм зыдахъуэж зэманым, къэзыухъуреихь дунейм къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэм елъытауэ. Псом хуэмыдэу ар щынэрылъагъущ творческэ гъуэгуанэ кIыхькIэ Тхьэр зыхуэупсахэм я деж. Абы и щапхъэу къэпхь хъунущ тырку литературэр ноби зэрыкIуэ гъуэгур зыубзыхуам ящыщ зы, тхакIуэшхуэ, адыгэлI щэджащэ Мыдхьэт (Хьэгъур) Ахьмэд.

XIX лъэщIыгъуэм и кIэхэм XX и пэщIэдзэхэм псэуа адыгэ тхакIуэ, узэщIакIуэ Ахъмэтыкъуэ Юрэ (Къэзибэч) Тыркум кIуэрейт: а лъахэрат ар езыр къыщалъхуар, Грузием щапIа, Урысейм хуэлэжьа щхьэкIэ. «Дунейм и хъуреягъкIэ», «Муслъымэн», Урысейм къыщыдэкI нэгъуэщI журналхэм я редакцэхэм я лъэIукIэ тхыгъэ зыбжанэ игъэхьэзыращ Уэсмэн къэралыгъуэм, абы и сулътIан Абдул Хьэмид ЕтIуанэм теухуауэ, «интервью къаIихащ нэгъуэщI къэрал IуэхухэмкIэ и министр Тевфик пэщэм, ермэлы патриархым, шэрджэсхэм къахэкIа тхакIуэшхуэ Мыдхьэт Ахьмэд-бей ефэндым, «Истамбыл» газетым и редактор Честертон», нэгъуэщIхэми.

Мыдхьэт (Хьэгъур) Ахьмэд Тыркум и тхакIуэ нэхъ пажэхэм ящыщ зыщ. Зэман кIыхькIэ икIи икъукIэ купщIафIэу хуэлэжьащ Ахьмэд литературэм: тхыгъэ пIащэу щитхум нэблагъэ къигъэнащ, «ахэр ярыту тхылъи 156-рэ къыдэкIащ».

Рушук къалэм щыдэса лъэхъэнэрщ Ахьмэд япэ творческэ лъэбакъуэр щичар. «Туна» («Дунай») газетым къытехуэу хожьэ диным, тхыдэм, къэрал гъэпсыкIэм теухуа и тхыгъэхэр, апхуэдэу дунейм и къэхъукъащIэхэм, цIыхухэм я зэхущытыкIэхэм, зауэмрэ мамырыгъэмрэ ехьэлIа и гупсысэхэр.

Мы цIыху гъэщIэгъуэным, жыпIэкIэ я фIэщ мыхъуным хуэдиз лэжьэрейм журналистыным дигъакIуэрт къыдэгъэкIын-къызэгъэпэщын Iуэху гугъури. 1908 гъэм Тыркум щекIуэкIа революцэм иужькIэ Мыдхьэт Ахьмэд Истамбыл университетым щылэжьащ тхыдэмкIэ, философиемкIэ, дин IуэхухэмкIэ, педагогикэмкIэ щригъаджэу. А щIэныгъэхэм ехьэлIа лэжьыгъэ куэди итхыну хунэсащ Ахьмэд. Тхыдэм теухуауэ абы къытхуигъэнащ «Уэсмэн къэралыгъуэм и тхыдэр», «Дыкъэзыухъуреихь дунейр», «Каинат», «Дунейпсо тхыдэ», «Хьиджрэм ипэкIэ» , Литературэм и тхыдэ» тхылъхэр. Филисофиемрэ динымрэ ехьэлIащ «Укъэзыхъумэ», «Сэ сыхэт?», «Нюбуввети Мухьэмедие», нэгъуэщIхэри.

Адыгэхэм къатепсыха насыпыншагъэм и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэу тхаIуэм къелъытэ лъэпкъыр зэрыщIэныгъэншэр, еджэну абы зэи Iэмал зэрырамытар. Абы Кавказ лъэпкъхэм къахэкIауэ Каир (Египетым) дэт аз-Азхар еджапIэ цIэрыIуэм щылажьэхэм 1899 гъэм «Джемиети Iиттихьадие шеракисекIэ» еджэу ягъэпса хасэм хэтхэм запещIэ. Адыгэхэм я Iуэху зэрихуэу, абыхэм я хабзэхэмрэ хьэлщэнхэмрэ тепсэлъыхь «Iиттихьад газетеси» газетыр къыдэзыгъэкIхэу Мухьэмэд Фазил, Бэракъбеикъуэ Мухьэмэд, Сахьи Щамил сымэ я IуэхущIафэр зрегъащIэ, езыри яужь йохьэ Истамбыл адыгэ лъэпкъ хасэ къызэригъэпэщыну. А Iуэхуэм кърешалIэ цIэрэ щхьэрэ иIэу хэхэс адыгэхэм яхэт псори.

Мыдхьэт Ахьмэд тыркущIэхэм я революцэр къигъэсэбэпри, I908 гъэм Истэмбыл къыщызэрегъэпэщ адыгэхэм я тхыдэр джынымкIэ хасэ – «Черкес теаун джемиети» фIэщыгъэцIэр иIэу, апхуэдэу абы епха пэщIэдзэ еджапIэ. А хасэрщ I9II гъэм уэсмэныбзэрэ адыгэбзэкIэ псалъэу «Гъуазэ» газетыр къыдигъэкIыу щIэзыдзар. Мыдхьэт Ахьмэд хасэмрэ газет къыдэгъэкIынымрэ къришэлIат лъэпкъым и цIыху пажэхэр, тхакIуэ, публицист цIэрыIуэхэу Нэгъуцу Юсыф-Сухьад, Лъашэ ТIахьир-Хъайраддин, Хъундж Хъейры-Мелыч, Тутарышэ Азиз, Нэпей Исмэхьил, Щауэ Ахьмэд, Цей Умар, Тынэ Сеин, ЦIагъуэ Ахьмэд, Уардэ Ахьмэд-Нурий. ТхакIуэшхуэм и лъэIукIэ ЦIагъуэ Нурий, Хъундж Хъейры-Мелыч, Щауэ Ахьмэд сымэ тхыгъэ зыбжанэ ягъэхьэзыращ, хэкужьыр ябгынэрэ Уэсмэн щIыналъэм кIуэныр щагъэтыну адыгэхэм елъэIуу. Лъэпкъ кIуэдыр къызыдэкIуа ИстамбылакIуэм и щхьэусыгъуэхэр щызэпкъырахырт «Гъуазэм» и напэкIуэцIхэм.

АдыгэлI щэджащэм, еджагъэшхуэм и чэнджэщкIэ Шэрджэс щэнхабзэ хасэм и тхьэмадэ Джавит (Тхьэрхэт) Ахьмэд пэщэмрэ Пщыхьэлыкъуэ Алийрэ хьэрып Iэлыфбейр и лъабжьэу адыгэ алфэвит зэхалъхьэ, адыгэбзэм теухуэа тхылъи псалъалъи ягъэхьэзыр. Абыхэм ящыщ Iыхьэхэр газетым къытрадзэ. КъыжыIэн хуейщ 1918 гъэм япэ дыдэу Къэбэрдейм адыгэбзэкIэ къыщыдэкIыу щIэзыдза «Адыгэ макъ» газетыр зэрытрадза Iэлыфбейр, зэхъуэкIыныгъэ щIагъуэ имыгъуэтауэ «Гъуазэм» ди бзэмкIэ къытехуэхэр зэритхыу щытар зэрыарар. ЦIагъуэ Нурийрэ Дым Iэдэмрэ а Iэлыфбейр, мащIэу ирагъэфIэкIуэжу, къагъэсэбэпагъэнущ.

Езы Мыдхьэт Ахьмэд къыдигъэкI газетхэмрэ журналхэмрэ къытридзэрт и лъэпкъэгъухэм ятеухуа хъыбархэр. ТхакIуэшхуэм къыдигъэкIхэр гъащIэ кIыхь хъуртэкъым. Абыхэм яхэтащ мазэ зытIущ фIэкIа ямыкIуу я пхъашагъэм щхьэкIэ зэхуащIыжаи. Апхуэдэхэм и деж езыми тезыр гуэрхэр ирагъэхьырт. ИтIани пищэжырт адыгэлI хахуэм и журналист лэжьыгъэр.

Мыдхьэт Ахьмэд и лъэпкъым хуищIэну зыщIэхъуэпса псори къехъулIакъым. 1913 гъэм и ныбжьыр илъэс 69-м иту дунейм ехыжащ тырку литературэм и классик, узэщIакIуэ, философ цIэрыIуэ, адыгэлI щэджащэ Хьэгъур (Мэдхьэт) Ахьмэд.

"ХамэщI щыпсэу адыгэхэм къахэкIа тхакIуэхэр" тхылъым къыхэхыжауэ.