Нэгумэ Шорэ
Адыгэ ӀуэрыӀуатэм щыгъунэжщ Къэзэнокъуэ Жэбагъы и хъыбархэр. Илъэс щищым нэблэгъауэ, адыгэхэм къадогъуэгурыкӀуэ а хъыбархэр, нобэр къыздэсми яӀуатэ. Къэбэрдейм и тхыдэм лъэужьышхуэ къыхимынатэмэ, Къэзэнокъуэ Жэбагъы и хъыбархэр гъащӀэ кӀыхь хъунтэкъым. И цӀэр щӀэблэм щӀащымыгъупщэн фӀыщӀэ щиӀэщ Къэзэнокъуэ Жэбагъы и тхыдэм, аращ и цӀэри и хъыбархэри уахътыншэ щӀэхъуар.
Къэзэнокъуэ Жэбагъы 1684 гъэм Бахъсэн Ӏуфэ къыщалъхуащ (Бахъсэн псым и сэмэгурабгъум, Зеикъуэ ипщэӀуэкӀэ, иджыри ущрохьэлӀэ КъэзэныкъуейкӀэ зэджэ щӀыпӀэцӀэ). Жэбагъы зэрыӀущыр, зэрыцӀыху губзыгъэр щӀэх дыдэ наӀуэ хъуауэ щытащ, хъыбархэм зэрыжаӀэмкӀэ. Хъыбархэм ящыщ зы щыхьэт тохъуэ УэрарэкӀэ зэджэ хеящӀэ* цӀэрыӀуэм акъылрэ ӀущыгъэкӀэ Жэбагъы текӀуауэ зэрыщытам. Абы щыгъуэ щӀалэ дыдэт Жэбагъы. И ныбжь нэсри, Къэзэнокъуэ Жэбагъы, дунейм ехыжыху, къэбэрдей пщышхуэхэм, пщы уэлийхэм я чэнджэщэгъуу щытащ. Лъэпкъ Ӏуэху и пщэ далъхьэурэ, Къэзэнокъуэ Жэбагъы зыбжанэрэ ягъэкӀуащ Къэбэрдейр а зэманым зыпыщӀауэ щыта къэралхэм, пщыгъуэхэм. Тхыдэр щыхьэт тохъуэ, псалъэм папщӀэ, Кърымымрэ Мэзкуурэ кӀуа къэбэрдей лӀыкӀуэхэм Къэзэнокъуэ Жэбагъы зэрахэтам.
Дунейм тетыху, Къэзэнокъуэ Жэбагъы зыщӀэкъуар Къэбэрдейм и Ӏуэху зэрыдэкӀынырщ, хабзэмрэ захуагъэмрэ я лъабжьэр гъэбыдэнырщ, цӀыхум я псэукӀэр егъэфӀэкӀуэнырщ. Хъыбархэм къызэрыхэщыжымкӀэ, Къэзэнокъуэ Жэбагъы зи псалъэм пщӀэ иӀэ, зи акъылыр жыжьэ нэплъыс, захуагъэм ирилажьэ цӀыху губзыгъэщ, къэрал лэжьакӀуэщ, хэкумрэ къэбэрдей лъэпкъымрэ фӀыгъуэ зэрахуилэжьыныр къалэн зыщищӀыжауэ. А къалэныр хузэфӀэмыкӀамэ, Къэзэнокъуэ Жэбагъы и цӀэмрэ и хъыбархэмрэ нобэ къэсынтэкъым.
Къэзэнокъуэ Жэбагъы и хъыбархэр езыр-езырурэ къежьащ, ахэр зыми зэхилъхьакъым икӀи къигупсысакъым: лӀы Ӏущым далъагъу ӀуэхущӀафэхэр зэхуаӀуэтэжурэ жылэм хэӀуэри ӀуэрыӀуатэ лӀэужьыгъуэ хъуащ.
Къэзэнокъуэ Жэбагъы и хъыбархэр щӀаӀуатэр Къэбэрдейм и закъуэкъым, абыхэм ущрохьэлӀэ Шэрджэсми Адыгейми; Къэзэнокъуэм и цӀи и хъыбархэри ящӀэ ди гъунэгъу лъэпкъхэми. Псалъэ пэж куэд къызэринэкӀащ Къэзэнокъуэ Жэбагъы, абыхэм нобэр къыздэсым Жэбагъы и псалъэкӀэ йоджэ. Къэзэнокъуэ Жэбагъы къызэринэкӀа псалъэ Ӏущхэр адыгэ псалъэжьхэм хэзэрыхьыжауэ къогъуэгурыкӀуэ.
Къэзэнокъуэ Жэбагъы 1750 гъэм лӀащ, и акъылрэ и ӀуэхущӀафэкӀэ цӀэрыӀуэ дыдэ хъуауэ.
Къэрмокъуэ Хьэмид "Адыгэ ӀуэрыӀуатэ".
[*] ХеящӀэ: хей псалъэм, мыкъуаншэ, мымысэ мыхьэнэ зиӀэм къытокӀ. къуаншэмрэ захуэмрэ зэхэзыгъэкӀым "хеящӀэ"-кӀэ йоджэ, нэгъуэщӀу жыпӀэмэ "къады".