Jump to content

ӀутӀыж

Википедие-м щыщ

ӀутӀыж (Урымыбзэ:πάσχα) --- Чыристанхэм и нахъ пэсырей мафэхэм ящыщ, Аисэ и тэджыжьыгъом зыхъуыджӀызэ. Иджы мафэхэр гъэ къэс махъу зэщымыщхэм тохуэ, дыгъэгъазэ махуэгъэпсымкӀэ зэрагъэунэхум пае.

Аисэ и тэджыжьыгъуэ

ЦӀэр къызхэкӀар

[хэӀэзыхь | вики-текстым еӀаз]

Адыгэ псалъэ ӀутӀыжыр къызэргъэунэхуамкӀэ КӀуэкӀуэхэ я тхылъ псалъитӀым къыхэкӀыр: Ӏу — жьэ, тэмакъ; тӀ (ыжын) — из щӀын. Бзэхэм я нахъбэм мафэхэм и цӀэр зыщ и лъащӀэмкӀэ (Урымыбзэπάσχα, Испаныбзэ. La Pascua, Урысыбзэ. Пасха), пэсырей журтыбзэм щыщ псалъэ Pesaḥ-м къытекӀахэу, Pesaḥ-р адыгэбзэм зэбдзэкӀмэ и мыхьэнэр блэкӀын е фӀэкӀын (згуэрэм).

Чыристэныгъэ къэзмыштауэ, ауэ хэхьэным пылъхэр Бэрэзджышхуэр яӀыгъа яуж, ӀутӀыж махуэм джор пщӀэхэлъхьэр ящӀыгъагъ.

ТхьэлъэӀум деж нэхъ гулъытыгъуэ зэратыр мафӀэрагъ. Ар тхьэм и нэхуу ялъытэр чыристэныгъэм. Алыджеймрэ Урысеймрэ я къалэ нэхъ инхэм, тхьэлъэӀур щӀамыдзэ щыкӀэ, мафӀэфӀым йожэхэр, Тхьэбэным и Чылисэм къырахын хуейм. МыфӀэр узыншу къынэсамэ, шоджэнхэм чылисэхэм зэбгырахри ар цӀыху тхьэлэӀум къекӀуэлӀахэм я уэздыгъэхэр а мафӀэмкӀэ щӀагъанэ.

Чылисэ пащхьэм ящӀа мафӀэфӀыр

Чылисэр здит хапӀэм деж мафӀэшхуэ ящӀыр. ЗыкӀэ абым и мыхьэнэр уэздыгъэми хуэдэу — лъынэрэ, нэхурэ. Абым нэмыщӀу Джудэ ащ щагъэсыным пае. Абыми нэмыщӀу, а мафӀэм деж чылисэм къыщӀэкӀахэм е абым нэмысахэм загъэхобэфыным пае.

ӀутӀыжьыр, чыристэныгъэм и нэхъ гулъытыгъуэ махуэфӀ ходэу ТхьэлъэӀушхуэ ащ тетэу ирагъэкӀокӀы. Чылисэхэм ижь лъандэрэ тхьэлъэӀур жэщым е нэхущым ирагъэкӀуэкӀыр.