Къаукъаз

Википедие-м щыщ
Kaukasus.jpg
Effect 20180803 130558~2.jpg

Къаукъаз, КъаукъасЕуропэмрэ Азыемрэ я гъунапкъэм тету, Хы ШӀуцӀэм, Хы МыутӀэм, Хы Каспыйм я зэфакум дэтэу. Къаукъаз къушъхьахэм хэт (Къаукъазышхуэм) ар къыбгъэдэлъ шӀыпӀэхэри иубыдэу: Ишъхъэрэ Къаукъаз (Къаукъазыпэ), Ипшъэ Къаукъаз (КъаукъазкӀыб).

Ишъхъэрэ Къаукъазыр Урысыем хеубыдэ, Курджым икъо зытӀущым щымыхъукӀэ.

Ипшъэ Къаукъазыр Азербайджаныр, Апхъазыр, Ермэлыер, Ипшъэ Осетыер, Курджыр джоуэ хеубыдэ.

Нэхь лъагэ пӀэр — м 5 642 ( Ӏошъхьэмафэ )

Къэралыгъоу хэтхэр[хэӀэзыхь | вики-текстым еӀаз]

Caucasus-political-ru.svg
Flag of Azerbaijan.svg Азербайджан (Unofficial flag of Nakhchivan (1991-1993).svg Нахичеван кой) Flag of the Republic of Abkhazia.svg Апхъазие
Flag of Georgia.svg Хъырцые (Flag of Adjara.svg Аджарые) Flag of Artsakh.svg Къушъхьа-Карабах республикэ
Flag of Armenia.svg Армение
Flag of South Ossetia.svg Ипшъэ Осетиэ

Урысыем хиубыдыр:

Flag of Adygea.svg Адыгей Flag of Kabardino-Balkaria.svg Къэбэртэе-Балъкъэр
Flag of Dagestan.svg Дагъыстан Flag of Karachay-Cherkessia.svg Къэрэщэе-Черкес
Flag of Ingushetia.svg Ингушие Flag of the Chechen Republic.svg Чэчэние
Flag of North Ossetia.svg Ишъхъэрэ ӏэситиэ Flag of Stavropol Krai.svg Ставропол край
Flag of Krasnodar Krai.svg Краснодар край

Хэкумэтх[хэӀэзыхь | вики-текстым еӀаз]

Къаукъазым шӀыуэ иубыдыр мин 440 км², абы шӀыпӀэ хэтхэр: Ишъхърэ Къаукъаз (Къаукъазыпэ), Къаукъазышхуэ, КъаукъазкӀыб губгъуэхэр (Курамрэ Араксымрэ я псыхъуэхэр, Колхидэмрэ джоуэ), Къаукъаз ЦӀыкӀур, Джавахет-Ермэл бгыхэр (я ишъхърэ-къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэр).

Ишъхърэ Къаукъазым и пашъхьэм Ставропол бгыхэр ит (Нэхъ илъагапӀэр Ӏуашъхьа Стрижамент, м 831 хъууэ) Псыжъ-Хы МыутӀэ губгъуэмрэ Тэрч-Гум губгъуэхэмрэ зэхигъэкӀыу. Ишъхъэрэ Къаукъазым Тэрчымрэ Сунжэмрэ я зэхуакум тэрч-джабэхэмрэ сунжэ-джабэхэмрэ дэлъ я зэхуакум Алханчурт къуэр ирикӀу.

Къаукъазышхуэм и къушъхьэ зэхэтыкӀэр мэгуэч КъуэхьапӀэмкӀэ, хомурэ Тэман хы тӀыгуныкъуэм къыщыкӀэдзауэ дэкӀуэурэ Ӏуащхьэмахуэ нэсыху (инэхъ лъагапӀэр — м 5 642). Iуашъхьэшхуэ КурытхэмкӀэ (Ӏуащхьэмахуэрэ Къэзбэч Ӏуащхьэрэ я зэхуакум), КъуэкӀыпӀэмкӀэ Къэзбэч Ӏуащхьэ идежь къыщыкӀэдзауэ Апшерон хы тӀыгуныкъуэм нэс ехын кӀидзу. лъэныкъуэр Ӏуашъхьахэм зэву ирокӀуэ, къуэкӀыпӀэмрэ къуэхьапӀэ лъэныкъуэхэмрэ бгъуэуэ макӀуэхэ. Къаукъазышхуэм и Ӏуашъхьэхэм Ишъхъэрэ Къаукъазымрэ Къаукъаз кӀыбымрэ зэхагъэкӀыр я гъунапкъу ирикӀуу.

Лъэпкъхэр[хэӀэзыхь | вики-текстым еӀаз]

Къаукъаз лъэпкъхэр гуп щыуэ мэгуэчхэ:

  • Къаукъазыбзэ лъэпкъхэр: абазэхэр, апхъазхэр, авэрхэр, агулхэр, адыгэхэр, арчинхэр, андийхэр, ахваххэр, багулалхэр, бежтинхэр, ботлыхэр, будуххэр, гинуххэр, годоберинхэр, гунзибхэр, даргинхэр, дидойхэр, ингушхэр, каратинхэр, крызыхэр, курджы-джуртхэр, курджыхэр, лэкъхэр, лезгинхэр, мычгышхэр, рутулхэр, табасаранхэр, тиндийхэр, удинхэр, хваршинхэр, хиналугхэр, цахурхэр, чамалалхэр джоуэ, пэмыкӀхэри.
  • туркубзэ лъэпкъхэр: азэрбиджанхэр, балъкъэрхэр, къэрэшейхэр, къумукъухэр, нэгъуэйхэр, тырку-месххэр.
  • къажэрыбзэ (ираныбзэ) лъэпкъхэр: къушъхьа джуртхэр, курдхэр, осетинхэр, талышхэр, тытхэр.
  • пэмыкӀ индоеуропей лъэпкъхэр: ермэлыхэр, алыджхэр, урысхэр.

Сурэтылъэ[хэӀэзыхь | вики-текстым еӀаз]